Новости О группе Медиа Общение Контакты

0 Рецензия журнала "Псынэ"

Занщlэу жыlапхъэщ: мы дискыр зыхуэгьэпсар щlэдэlуакlуэ балигъ, музыкэм и унэтlыгъэхэм фlыуэ хэзыщlыкl, атlэми щlэуэ къэунэху унэтlыгьэхэри зимыжагьуэращ.

Къашыргьэ Мурат «Нобэрей» («Noba Rey») зыфlища проектым хыхьар адыгэ уэрэдыжьхэрщ, ауэ дэ дызэреса гьэпсыкlэм ахэр фlыуэ къыщхьэщокl. Мурат зэрыжиlэмкlэ, ди лъэпкъ уэрэдхэр зэрыщытыпсым хуэдэу жыпlэжкlэ мыхьэнэ иlэкъым, сыту жыпlэм ар зыгьэзэщlа лъэпкъ уэрэджыlакlуэшхуэхэм, псалъэм папщlэ, Къардэнгьущl Зрамыку ещхьу е нэхъыфlу уи гьащlэкlэ пхужымыlэнуращ. Ауэ иджырей гьэlукlэм щlэту, иджырей щlэдэlуакlуэм фlэгьэщlэгъуэн пщlыным зеппщытыну ухуитщ.

Авторыр щогугь ди пащхьэ кърилъхьэ гуащlэдэкlыр гунэс ящыхъуну ди хэку ис адыгэхэми, хамэ къэрал щыпсэу ди лъэпкъэгьухэми.

[ наверх ] [ назад ]